Revision 28314 of "Алыджыбзэ" on kbdwiki{{Infobox Language
| фэр = индоеуропейхэр
| цӀэр = Алыджыбзэ
| зэрзэджэр = Ελληνικά
| къэралхэр = [[Алыдж]], [[Кипр]]
| хэкухэр =
| ирипсалъэхэм я бжыгъэр = 13 млн.
| рейтингыр = 68
| категориэ = Еуразиэм и бзэхэр
| классификациэ =
| тхыбзэр зэрщыт = Алыдж
| Ӏэташъхьэбзэ =
| регулировэт зыщӀ организациэр =
| КъэралСтандарт 7.75–97 =
| ISO1 = el
| ISO2 = gre (B); ell (T)
| ISO3 = ell
}}
'''Алыджыбзэ''' (алыджыбзэкlэ: ελληνική γλώσσα, ελληνικά, νεοελληνική γλώσσα, {{Lang-ru|греческий язык}}) — индоеуропейбзэхэм я нэхъ пэсырейхэм ящыщ. Алыдж бзэ группэм абы фlэкlа пэмыкlы бзэ хэткъым. Джылу алыджыбзэкlэр я анэдэлъхубзэу ялъытэу дунем тетыр - 15 милыуан хуэдиз. Абыхэм я нахъыбэр лъэпlкъкlэ алыджхэ ауэ алыджыбзэр пэмыкlы лъэпlкъыбзэхэм (лъэпlкъ Алъыджым исхэр) хэхьауэ езым нэхъ ехьч хъуахэ, апхуэдэхэр: арумынхэр, мегленорумынхэр, цыджанхэр, албанхэр, арнаутхэр, слауанхэр абы пэмыкlыу мыслимэн лъэпlкъ бжыгъэ къралым ишъхъэрэм. Алыджыбзэр lаташъхьэбзэуи щыт, къэрал нэхъыбу здэпсалъэхэм: [[Алыдж|Алыджымрэ]], [[Кипыр|Кипыр хы тlыгумрэ (63%)]].
== Алыдж тхыгъэр ==
Алыджыбзэм итхыгъэр нэхъ пэсырейхэм дунем ящыщ. Тхыгъэр зэрзэфlэувар финикийхэм я тхыгъэмкlэ хъун, езы алыджхэм яуэ пэсырейдыду тхыгъэ щыlахэр VIII - VII ди лъэхъынэм ипэм щыщ. Къэру къыщиштар, шlыпlэм янэхъыбэм щыхэхьар Рим къэралым икlуэдыкlэм идейрэ, Визатий къэралым икъэхъукlэм идейрэ яужкlэ хом-хомурэ XV лъэхъэнэм иде кlуэдын кlедзэ икъэрум, икъалэ lаташъхьар тыркухэм яубыда нэуж.
== Хронологиэр ==
Илъэсышъэ бжыгъэ зэрщыlарэ алыджыбзэм lэуэ зэрихъуэкlа. Абы шъхьакlэ "алыджыбзэ" псалъэм сыт чыгъуи илъэхъэн зытепсэлъыхьыр къыгъэкlын хуэй. Мыбы хуэду:
* Пэсырей Алыджыбзэ - пэсырей Алыджм я бзэмрэ я тхыгъэмрэ зытетар, Рим къэралым зэрхэтари иубыду (V ди лъэхъэнэм ипэкlэ)
* Алыджыбзэку (визэнтийбзэ) - бзэ зэрыпсалъэтэр Къуэкlыпlэ-Рим (Визэнтий) къэралым (VI-XI ди лъэхъэнэм)
* Алыджыбзэкlэ - иджырей бзэр (XII лъэхъэнэм къыщыкlэдзауэ)
== Псэлъэкlэ зэрзэшъхьащыкlхэр ==
* Джурт-алыдж псэлъэкlэ, пэмыкlыу зэреджэр романиотыбзэ
* Каппадокиибзэ (Азиэ цlыкlум) - 1923 гъэм кlуэда
* Кипр псэлъэкlэ
* Крит псэлъэкlэ
* Румеибзэ
* Урым-румеибзэ
* Понтиибзэ
* Цаконыбзэ (Пелопоннес)
[[Категория:Бзэхэр]]All content in the above text box is licensed under the Creative Commons Attribution-ShareAlike license Version 4 and was originally sourced from https://kbd.wikipedia.org/w/index.php?oldid=28314.
![]() ![]() This site is not affiliated with or endorsed in any way by the Wikimedia Foundation or any of its affiliates. In fact, we fucking despise them.
|